ЗЭРЫЗЕКӀУЭ УХУЭКӀЭ / ЗЭКlЭХЪЫЕНЫГЪЭМ ИГЪЭПСЫКlЭ

Зэщӏэхъееныгъэм и цӏэр — «ADIGE GUPSISE GUP» (Адыгэ гупсысэ гуп), фӏэщыгъэ кӏэщӏыр – «AGG».

Хэзыгъэгъуазэ:
AGG-р адыгэ лъэпкъым щхьэпэ, щӏэгъэкъуэн хуэхъун гухэлъкӏэ къызэрагъэпэща гупсысакӏуэ купсэщ:

  • ар хуэлажьэнущ лъэпкъым и щыӏэкӏэр, псэукӏэр, щӏэиныр, цӏыхум и зэфӏэкӏыр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ,
  • абы и щэнхабзэр хъума, зегъэужьа зэрыхъуныр зэхэхауэ къэгъэлъэгъуэным,
  • абы и цӏыхухэр щӏыналъэхэм, хэку щхьэхуэхэм, дунейпсо утыкухэм щыгъэлъэщыным,
  • жылэр зэдэлэжьэфу, я зэфӏэкӏхэр зыхалъхьэфу, сыт и лъэкъуэкӏи щӏэгъэкъуэн зэхуэхъуфу хъуным гъуэгур къыхуэгъуэтым хуэлажьэнущ.
  • дызыхуэкӏуэнум и пӏалъэ кӏэщӏ, курыт, пӏалъэ кӏыхь стратегиер убзыхун.

Пщэрылъ:

  • Адыгэ щэнхабзэр, псом япэу анэдэлъхубзэр, хъумэн, дэӏыгъын, зегъэужьын,
  • Щэнхабзэ хэшыпсыхьыжыныр къэмыгъэхъун, блэкӏам и пащхьэ щиӏэ къалэныр гъэзэщӏэн, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ джын, зэӏэпыхын,
  • Лъэпкъым и къэкӏуэнур ухуэныр пщэрылъ зыхуэщӏыжауэ Хэкумрэ диаспорэмрэ я зэхущытыкӏэм и лъэныкъуэ куэдым зегъэужьын.
  • Адыгэ лъэпкъым къыхуэщхьэпэну ифӏ зыхэлъхэр яхъумэн папщӏэ дэнэ щӏыпӏи, дунейпсо утыкухэм лэжьыгъэхэр щегъэкӏуэкӏын

Лэжьыгъэр зытещӏыхьа бгъэдыхьэкӏэхэр:

  • Адыгэ Хабзэр тегъэщӏапӏэ щӏауэ Хэкумрэ Хэхэсымрэ я зэпыщӏэныгъэхэр щӏэгъэбыдэн; ди тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ псэукӏэмрэ лъэпкъым и ӏэдакъэщӏэкӏхэмрэ хъумэныр; лъэпкъ щэн-хабзэм, адыгагъэм, цӏыхугъэм хуэпэжыныр, цӏыхум и хуитыныгъэхэр, щхьэхуитыныгъэр, зэхуэдэныгъэр, захуагъэр, тегъэщӏапӏэ щӏыныр.
  • Хасащхьэхэм къыщащта зэгурыӏуэныгъэхэм япкъ иткӏэ лэжьыгъэр егъэкӏуэкӏын; пщӏэрэ зэпӏэзэрыт псалъэкӏэмрэ къэгъэсэбэпын; зэгухьэныгъэм хэтхэм еплъыкӏэ зэхуэмыдэхэр яӏэми зэгурыӏуэныгъэрэ пщӏэрэ яку дэлъын,
  • Щыпсэу къэралхэм я хабзэ мардэхэр гъэзэщӏэнымрэ адыгэ зэгухьэныгъэм емыхьэлӏа ӏуэхухэм пэӏэщӏэ зыщӏынымрэ,
  • Лъэпкъ, дунейпсо хабзэмрэ захуагъэмрэ я хабзэхэм тету цӏыхубэ зэмылӏэужьыгъуэхэр зэгурыӏуэу зэрызэдэпсэу щӏыкӏэм езэгъыныр; залымыгъэм, терроризмэм, расизмэм я сыт хуэдэ лӏэужьыгъуэми пэщӏэтыныр;
    Зэхущытыкӏэхэмрэ ӏуэхущӏафэхэмрэ ипкъ итуэ къэув пщэрылъхэмрэ принципхэмрэ гъэзэщӏэн;
    адыгэ жылэм лъэӏэс къэралхэм, зэгухьэныгъэхэм, цӏыхухэм, организацэхэм я ӏуэху еплъыкӏэхэм, лъэӏухэм, унафэхэм, ӏуэху бгъэдыхьэкӏэхэм пщӏэ хуащӏу, и чэзум езэгъыу пэджэжын.

ГЪУАЗЭР
Зэщӏэхъееныгъэм и гъуазэр — абы и пщэрылъыр, ищхьэкӏэ къыщыгъэлъэгъуа лъапӏэныгъэхэр гъэзэщӏэнырщ.
А мурадыр къехъулӏэн папщӏэ AGG-м мы ӏуэхугъуэхэр егъэзащӏэ:
а) адыгэ зэгухьэныгъэм и кӏуэцӏым зэпыщӏэныгъэ хъы купщӏафӏэ Къыщызэрегъэпэщ.
b) адыгэ щэнхабзэм теухуа академическэ, литературэ, художественнэ лэжьыгъэхэм щӏэгъэкъуэн хуохъу; щэнхабзэм епха лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщыным елэжьхэмрэ къэхутакӏуэхэмрэ трегъэгушхуэ, а ӏэнатӏэм щыӏэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я жэрдэм гъэщӏэгъуэнхэри деӏыгъ.
c) адыгэ щэнхабзэ щӏэинхэм я щӏэныгъэр, тхылъхэр, тхыгъэхэр зэхуэзыхьэс тхылъэщхэр, архивхэр, музейхэр, фэеплъ щӏыпӏэхэр, нэгъуэщӏ проектхэр къызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэ хуещӏ.

Зэкlэхъыеныгъэм ицlэ «Адыгэ Гупшысэ Куп», ицlэ гъэкlэкlыгъэри «АГК/АGG».

Иеплъыкlэр:

АГК-р адыгэ лъэпкъым шlуагъэ ригъэкlын, чlэгъакъо фэхъун мурадкlэ къызэрагъэпэшыгъэ гупшысакlо зэхащэу ары. Ар;

  • Лъэпкъым ишыlэкlэр, псэукlэр, кlэныр, цlыфым изэшlокl хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ,
  • Ащ ишэнхабзэ хъумагъэ, зегъэубгъугъэ зэрэхъущтэр зэхэхыгъэу къэгъэлъэгъоным,
  • Ащ ицlыфхэр чlыналъэм, хэку зэфэшъхьафхэм, дунаем шыгъэлъэшыным,
  • Сыт фэдэ lофым ехьылlагъэуи зэдэлэжьэшъу, язэшlокlхэр зэхалъхьэшъу, лъэныкъо пстэухэмкlи кlэгъэкъон зэфэхъу хъушъунхэм пае гъэгухэр къыфэгъотыным,
  • Къэкlощт зэманым ехьылlэгъэу пlалъэ кlэкlкlэ, курыткlэ, кlахькlэ гъэцэкlагъэ хъущт стратегиехэр гъэнэфэным фэлэжьэщт.

Пшъэрылъхэр:

  • Адыгэ шэнхабзэр, пстэум япэуи ныдэлъфыбзэр хъумэн, дэlыгъын, зегъэушъомбгъун,
  • Шэнхабзэ хэкlодэнэр къэмыгъэхъун, блэкlыгъэм ипашъхьэ шыриlэ пшъэрылъхэр гъэцэкlэн, тарихъымрэ шэнхабзэмрэ кlэджыкlын, зым-зым лъэгъэlэсын,
  • Лъэпкъым икъэкlон зэтегъэпсахьынэр пшъэрылъ зыфашlызэ хэкумрэ диаспорэмрэ язэфыщытыкlэ лъэныкъо бэм зегъэушъомбгъун,
  • Лъэпкъым къышъхьапэщт ишlуагъэ зыхэлъ пстэури хъумэн пае чlыналъэхэм, хэкум, дунае утыкухэми lофхэр щыгъэцэкlэн.

Зызэригъэкlырэ лъапlэныгъэхэр:

  • Адыгэ хабзэр итегъэкlапэзэ хэкумрэ хэхэсхэмрэ язэпышlэныгъэхэр нахь пытэ шlын, тарихъымрэ шэнхабзэмрэ, псэукlэмрэ лъэпкъым иlэдакъэ къыкlэкlыгъэхэмрэ хъумэн, адыгагъэм, цlыфыгъэм фэлэжьэнэр, цlыфым и фитыныгъэхэр, зэфэдэныгъэхэр, зэфагъэр тегъэкlапlэ шlын,
  • Зэфэс шъхьаlхэм къыщащтагъэ зэгурlоныгъэхэм тетэу лэжьыгъэхэр егъэкlокlын, пкlэ зэфэшlынрэ зэпlэзэрыт гущыlакlэ зэфиlэнымрэ гъэфедэн, зэгъухьэныгъэм хэтхэм еплъыкlэ зэфэшъхьафхэр  яlэу щытми зэгурыlоныгъэрэ пкlэ зэфэшlрэ языфакум дэлъын,
  • Къэрал зыщыпсэухэрэм я къэрал хабзэ мардэхэр гъэцэкlэн, адыгэ зэгухьэныгъэм емыхьэлlа lофхэм пэкlыжьэ зышlын,
  • Лъэпкъ, дунаепстэу хабзэхэм тетызэ цlыфыбэ зэфэшъхьафхэр зэгурыlоу зэрызэдэпсэу шlыкlэм езэгъын, залымыгъэм, терроризмэм, расизмэм ясыт фэдэ лlэужьыгъоми пэуцун,
  • Зэфыщытыкlэхэмрэ lофшlапlэхэмрэ къагъэуцу пшъэрылъхэмрэ принципхэмрэ гъэцэкlэн, адыгэ лъэпкъым фэгъэзагъэу щыт еплъыкlэхэм, лъэlухэм, унашъохэм, lоф бгъодэхьакlэхэм лъытэныгъэ зыхэлъ зы еплъыкlэкlэ иуахътэм езэгъ, лъэпкъым фейдэ къыфэзыхьыщт зы  пэджэныгъэ етын.

Мурадэр:

Зэкlэхъыеныгъэм имурад: ишъхьакlэ  къэlотагъэ щыхъугъэ еплъыкlэ, пшъэрылъ ыкlи зызэригъэкl лъапlэныгъэхэм ягъунапкъэм итэу гъэцэкlэнэр ары.

АГК-м имурад игъэцэкlэшъун папкlэ мыхэр ышlэщт:

  • Адыгэ зэгухьэныгъэм икlоцlым зэпышlэныгъэ хъы купкlафэ къыщызэригъэпэшыщт,
  • Адыгэ шэнхабзэм фэгъэхьыгъэу академическэ, литературнэ, художественнэ лэжьыгъэхэм кlэгъэкъон афэхъущт, шэнхабзэм епхыгъэ lофхэр гъэцэкlэным фэлажьэхэмрэ ущэтакlохэмрэ тригъэгушхощт, а lэнатlэм пэрыт лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм яжэрдэм телъыджэхэри ядиlыгъыщт,
  • Адыгэ шэнхабзэ кlэнхэм яшlэныгъэр, тхылъхэр, тхыгъэхэр зэфэзыхьэс тхылъэшхэр, архивхэр, музейхэр, шъоеплъ чlыпlэхэр, пэмыкl проектхэр къызэгъэпэшыным хэлъхьаныгъэ фишlыщт.