Зэщӏэхъееныгъэм и цӏэр — «ADIGE GUPSISE GUP» (Адыгэ гупсысэ гуп), фӏэщыгъэ кӏэщӏыр – «AGG».
Хэзыгъэгъуазэ:
AGG-р адыгэ лъэпкъым щхьэпэ, щӏэгъэкъуэн хуэхъун гухэлъкӏэ къызэрагъэпэща гупсысакӏуэ купсэщ:
- ар хуэлажьэнущ лъэпкъым и щыӏэкӏэр, псэукӏэр, щӏэиныр, цӏыхум и зэфӏэкӏыр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ,
- абы и щэнхабзэр хъума, зегъэужьа зэрыхъуныр зэхэхауэ къэгъэлъэгъуэным,
- абы и цӏыхухэр щӏыналъэхэм, хэку щхьэхуэхэм, дунейпсо утыкухэм щыгъэлъэщыным,
- жылэр зэдэлэжьэфу, я зэфӏэкӏхэр зыхалъхьэфу, сыт и лъэкъуэкӏи щӏэгъэкъуэн зэхуэхъуфу хъуным гъуэгур къыхуэгъуэтым хуэлажьэнущ.
- дызыхуэкӏуэнум и пӏалъэ кӏэщӏ, курыт, пӏалъэ кӏыхь стратегиер убзыхун.
Пщэрылъ:
- Адыгэ щэнхабзэр, псом япэу анэдэлъхубзэр, хъумэн, дэӏыгъын, зегъэужьын,
- Щэнхабзэ хэшыпсыхьыжыныр къэмыгъэхъун, блэкӏам и пащхьэ щиӏэ къалэныр гъэзэщӏэн, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ джын, зэӏэпыхын,
- Лъэпкъым и къэкӏуэнур ухуэныр пщэрылъ зыхуэщӏыжауэ Хэкумрэ диаспорэмрэ я зэхущытыкӏэм и лъэныкъуэ куэдым зегъэужьын.
- Адыгэ лъэпкъым къыхуэщхьэпэну ифӏ зыхэлъхэр яхъумэн папщӏэ дэнэ щӏыпӏи, дунейпсо утыкухэм лэжьыгъэхэр щегъэкӏуэкӏын
Лэжьыгъэр зытещӏыхьа бгъэдыхьэкӏэхэр:
- Адыгэ Хабзэр тегъэщӏапӏэ щӏауэ Хэкумрэ Хэхэсымрэ я зэпыщӏэныгъэхэр щӏэгъэбыдэн; ди тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ псэукӏэмрэ лъэпкъым и ӏэдакъэщӏэкӏхэмрэ хъумэныр; лъэпкъ щэн-хабзэм, адыгагъэм, цӏыхугъэм хуэпэжыныр, цӏыхум и хуитыныгъэхэр, щхьэхуитыныгъэр, зэхуэдэныгъэр, захуагъэр, тегъэщӏапӏэ щӏыныр.
- Хасащхьэхэм къыщащта зэгурыӏуэныгъэхэм япкъ иткӏэ лэжьыгъэр егъэкӏуэкӏын; пщӏэрэ зэпӏэзэрыт псалъэкӏэмрэ къэгъэсэбэпын; зэгухьэныгъэм хэтхэм еплъыкӏэ зэхуэмыдэхэр яӏэми зэгурыӏуэныгъэрэ пщӏэрэ яку дэлъын,
- Щыпсэу къэралхэм я хабзэ мардэхэр гъэзэщӏэнымрэ адыгэ зэгухьэныгъэм емыхьэлӏа ӏуэхухэм пэӏэщӏэ зыщӏынымрэ,
- Лъэпкъ, дунейпсо хабзэмрэ захуагъэмрэ я хабзэхэм тету цӏыхубэ зэмылӏэужьыгъуэхэр зэгурыӏуэу зэрызэдэпсэу щӏыкӏэм езэгъыныр; залымыгъэм, терроризмэм, расизмэм я сыт хуэдэ лӏэужьыгъуэми пэщӏэтыныр;
Зэхущытыкӏэхэмрэ ӏуэхущӏафэхэмрэ ипкъ итуэ къэув пщэрылъхэмрэ принципхэмрэ гъэзэщӏэн;
адыгэ жылэм лъэӏэс къэралхэм, зэгухьэныгъэхэм, цӏыхухэм, организацэхэм я ӏуэху еплъыкӏэхэм, лъэӏухэм, унафэхэм, ӏуэху бгъэдыхьэкӏэхэм пщӏэ хуащӏу, и чэзум езэгъыу пэджэжын.
ГЪУАЗЭР
Зэщӏэхъееныгъэм и гъуазэр — абы и пщэрылъыр, ищхьэкӏэ къыщыгъэлъэгъуа лъапӏэныгъэхэр гъэзэщӏэнырщ.
А мурадыр къехъулӏэн папщӏэ AGG-м мы ӏуэхугъуэхэр егъэзащӏэ:
а) адыгэ зэгухьэныгъэм и кӏуэцӏым зэпыщӏэныгъэ хъы купщӏафӏэ Къыщызэрегъэпэщ.
b) адыгэ щэнхабзэм теухуа академическэ, литературэ, художественнэ лэжьыгъэхэм щӏэгъэкъуэн хуохъу; щэнхабзэм епха лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщыным елэжьхэмрэ къэхутакӏуэхэмрэ трегъэгушхуэ, а ӏэнатӏэм щыӏэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я жэрдэм гъэщӏэгъуэнхэри деӏыгъ.
c) адыгэ щэнхабзэ щӏэинхэм я щӏэныгъэр, тхылъхэр, тхыгъэхэр зэхуэзыхьэс тхылъэщхэр, архивхэр, музейхэр, фэеплъ щӏыпӏэхэр, нэгъуэщӏ проектхэр къызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэ хуещӏ.
Зэкlэхъыеныгъэм ицlэ «Адыгэ Гупшысэ Куп», ицlэ гъэкlэкlыгъэри «АГК/АGG».
Иеплъыкlэр:
АГК-р адыгэ лъэпкъым шlуагъэ ригъэкlын, чlэгъакъо фэхъун мурадкlэ къызэрагъэпэшыгъэ гупшысакlо зэхащэу ары. Ар;
- Лъэпкъым ишыlэкlэр, псэукlэр, кlэныр, цlыфым изэшlокl хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ,
- Ащ ишэнхабзэ хъумагъэ, зегъэубгъугъэ зэрэхъущтэр зэхэхыгъэу къэгъэлъэгъоным,
- Ащ ицlыфхэр чlыналъэм, хэку зэфэшъхьафхэм, дунаем шыгъэлъэшыным,
- Сыт фэдэ lофым ехьылlагъэуи зэдэлэжьэшъу, язэшlокlхэр зэхалъхьэшъу, лъэныкъо пстэухэмкlи кlэгъэкъон зэфэхъу хъушъунхэм пае гъэгухэр къыфэгъотыным,
- Къэкlощт зэманым ехьылlэгъэу пlалъэ кlэкlкlэ, курыткlэ, кlахькlэ гъэцэкlагъэ хъущт стратегиехэр гъэнэфэным фэлэжьэщт.
Пшъэрылъхэр:
- Адыгэ шэнхабзэр, пстэум япэуи ныдэлъфыбзэр хъумэн, дэlыгъын, зегъэушъомбгъун,
- Шэнхабзэ хэкlодэнэр къэмыгъэхъун, блэкlыгъэм ипашъхьэ шыриlэ пшъэрылъхэр гъэцэкlэн, тарихъымрэ шэнхабзэмрэ кlэджыкlын, зым-зым лъэгъэlэсын,
- Лъэпкъым икъэкlон зэтегъэпсахьынэр пшъэрылъ зыфашlызэ хэкумрэ диаспорэмрэ язэфыщытыкlэ лъэныкъо бэм зегъэушъомбгъун,
- Лъэпкъым къышъхьапэщт ишlуагъэ зыхэлъ пстэури хъумэн пае чlыналъэхэм, хэкум, дунае утыкухэми lофхэр щыгъэцэкlэн.
Зызэригъэкlырэ лъапlэныгъэхэр:
- Адыгэ хабзэр итегъэкlапэзэ хэкумрэ хэхэсхэмрэ язэпышlэныгъэхэр нахь пытэ шlын, тарихъымрэ шэнхабзэмрэ, псэукlэмрэ лъэпкъым иlэдакъэ къыкlэкlыгъэхэмрэ хъумэн, адыгагъэм, цlыфыгъэм фэлэжьэнэр, цlыфым и фитыныгъэхэр, зэфэдэныгъэхэр, зэфагъэр тегъэкlапlэ шlын,
- Зэфэс шъхьаlхэм къыщащтагъэ зэгурlоныгъэхэм тетэу лэжьыгъэхэр егъэкlокlын, пкlэ зэфэшlынрэ зэпlэзэрыт гущыlакlэ зэфиlэнымрэ гъэфедэн, зэгъухьэныгъэм хэтхэм еплъыкlэ зэфэшъхьафхэр яlэу щытми зэгурыlоныгъэрэ пкlэ зэфэшlрэ языфакум дэлъын,
- Къэрал зыщыпсэухэрэм я къэрал хабзэ мардэхэр гъэцэкlэн, адыгэ зэгухьэныгъэм емыхьэлlа lофхэм пэкlыжьэ зышlын,
- Лъэпкъ, дунаепстэу хабзэхэм тетызэ цlыфыбэ зэфэшъхьафхэр зэгурыlоу зэрызэдэпсэу шlыкlэм езэгъын, залымыгъэм, терроризмэм, расизмэм ясыт фэдэ лlэужьыгъоми пэуцун,
- Зэфыщытыкlэхэмрэ lофшlапlэхэмрэ къагъэуцу пшъэрылъхэмрэ принципхэмрэ гъэцэкlэн, адыгэ лъэпкъым фэгъэзагъэу щыт еплъыкlэхэм, лъэlухэм, унашъохэм, lоф бгъодэхьакlэхэм лъытэныгъэ зыхэлъ зы еплъыкlэкlэ иуахътэм езэгъ, лъэпкъым фейдэ къыфэзыхьыщт зы пэджэныгъэ етын.
Мурадэр:
Зэкlэхъыеныгъэм имурад: ишъхьакlэ къэlотагъэ щыхъугъэ еплъыкlэ, пшъэрылъ ыкlи зызэригъэкl лъапlэныгъэхэм ягъунапкъэм итэу гъэцэкlэнэр ары.
АГК-м имурад игъэцэкlэшъун папкlэ мыхэр ышlэщт:
- Адыгэ зэгухьэныгъэм икlоцlым зэпышlэныгъэ хъы купкlафэ къыщызэригъэпэшыщт,
- Адыгэ шэнхабзэм фэгъэхьыгъэу академическэ, литературнэ, художественнэ лэжьыгъэхэм кlэгъэкъон афэхъущт, шэнхабзэм епхыгъэ lофхэр гъэцэкlэным фэлажьэхэмрэ ущэтакlохэмрэ тригъэгушхощт, а lэнатlэм пэрыт лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм яжэрдэм телъыджэхэри ядиlыгъыщт,
- Адыгэ шэнхабзэ кlэнхэм яшlэныгъэр, тхылъхэр, тхыгъэхэр зэфэзыхьэс тхылъэшхэр, архивхэр, музейхэр, шъоеплъ чlыпlэхэр, пэмыкl проектхэр къызэгъэпэшыным хэлъхьаныгъэ фишlыщт.

